Бэтит Мухьэмэд
Мэлыжьыхь мазэм теухуауэ
Мы мазэм хуэдэу хуэзэу фIаща фIэщыгъэцIэ куэд щыIэкъым, щыIэми абы ящыщ зыщ. ЗэрытщIэщи,гъатхэр псэущхьэу щIым тетым къатохьэлъэ, ипэхэм деж дунейм и зыхъуэжыгъуэщ. Гъатхэпэ (март) мазэр егъэлеяуэ мазэ кIыхьщ, хьэлъэщ. Адыгэм игъащIэм Iэщ зэрахуэ, шы, IэщIэвыщIэ, жэм, мэл, бжэн… ЩIымахуэм пэщIэта Iэщым и къарур кIуэщIауэ, къарууншэ хъуауэ хуозэ. Ар псэущхьэ псоми зэхащIэ, псоми ящыщ щихь (щыхэлIыкI) щыIэщ, ауэ псом нэхърэ мэлым нэхъ зэхещIэ. Япэрауэ, адыгэ мэлыр илъэсым тIо къащ: щIымахуэм зыхуигъэхьэзыру зэригъэпэща цы хуабэр трагъэкI. Адыгэ мэлыр игъащIэм чэт щIагъэт, бэгу мыхъун щхьэкIэ къащ, абы имызакъуэу, щыгъыным я нэхъыфIыр къызыхащIыкIыр бжьыхьэцырщ. ЩIымахуэм чэтым щIэтыху къытекIэж цыр куэдкIэ нэхъ цIырхъщ икIи нэхъ щабэщ, аращи щIымахуэр ирихауэ, къарууншэу гъатхэпэ мазэ гугъужьри ирелъэфэкI, мэлхьэпIатIэм зэщIищтауэ. Илъ хьэпIатIэм зэрырифым нэмыщIыжкIэ, и тхьэмбылым йоуэ. ХьэпIатIэмрэ гъатхэ щIыIэмрэ мэлыжь къарууншэр тхьэмбылейи мэхъу, гъатхэ дыгъэм къегъапцIэри и пкъыр егъэлалэ, удзыщIэ къэкIам холъадэри абыйкI зэщIех. Удз цIыкI ущыIэщ хужьу гъагъэу, шынэ-шынэ удзым ещхьу,мэлыжьыхь мазэм ипщI и пщыкIутхухэм куэду къытырекIутэ ар. Мэлыжь гужьеям ешхри абы егъэбэг, аIуейми аращ къарищIэр. Апхуэдэхьэзабым хэт амыщыр уэшх щIыIэм псыф мэхъу,жьы щIыIэ къыщIехужри, мэл жьы хъуа къарууншэр апхуэдизым къелкъым. Бжэнри апхудабзэщ, ауэ бжэныр къожьыфри, емызэгъын ишхамэ къежьыжыф, арщхьэкIэ а Iуэхугъуэм ари къыщемыл щыIэщ. Аращи, мэлыжь дзэ зыIуымытыжым зыхуей удзыр къыхуимычмэ, удз щабэ къыдэжеяр емызэгъмэ, абы къедбжэкIа къомыр хэтыжмэ аращ мэлыжьыхькIэ мазэм щIеджэр.
Ауэ щыхъукIи мэлыжь псори ирищIыкIкъым, къару нэхъ зиIэ, мэлхьэпIатIэм имыбла, тхьэмбылей мыхъуахэр къызэтонэ. Апхуэдиз зыкIэлъымыкIуагъэр къеуэмэ мэл нэхъ щIалэIуэри егъэджалэ. А псори щекIуэкIыр мы зымазэращ, адкIэ хуабэмрэ удзымрэ къару къыщIохьэри сыт хуэдэми яIуэтэж, нэхъ зэтоувэж.
Мы мазэм вабдзэр щIым щыхыхьэ жыхуиIэ IуэхугъуэфIри щаIэту, щагъэлъапIэу щытауэ ди нэхъыжьыфIхэм къаIуатэ. ГъатхэфI, гъалъхуэфI,гъэбэв гъэ узыншэ Тхьэм тхуищI.
Жэнхъуэтекъуэ къуажэ.